- джэд
- курица/ И лымрэи джэдыкIэмрэ щхьэкIэ унэм щагъэхъу дамэ зытет псэущхьэ.Джэдыр мэкъакъэ. Джэдыр мэкIэцI. Джэдыр гъуэлъхьащ.* Джэд нэхърэ джэдыкIэ нэхъ Iущщ. (погов. ) Джэдрэ пэт мэулъэпхъащэ. (погов. )Джэд Iуэн кукарекать; предвещать рассвет пеньем-о петухах.* ЛIитIыр Къанщауэхэ щынэсам джэд Iуэрт. Iуащхь.{И} джэд хъубжэр хуэщIыжын (зэхуэщIыжын) потерпеть неудачу в разведении кур.Джэд анэ курица/ КIэцI, гъуалъхьэ зи хабзэ джэд.* Мимэ-мимэ, мимэ и анэр мэлъаIуэ, ар щIэлъаIуэр джэд анэщ, джэд анэжьи кърат, вагъуэм и пэбжыр къекIэцI, удзым и пэбжыр къреш. фольк.Джэд вей куриный помёт/ Джэдым къадэх вей.джэд лыбжьэ гедлибже (адыгское национальное блюдо-курятина, приготовленная в сметанном соусе с приправами)/ Адыгэ шхыныгъуэ, шатэкIэ гъэлыбжьа джэдыл.* Зы сыхьэт ныкъуи дэкIатэкъым пIастэ хуабэрэ джэд лыбжьэрэ Iэнэ цIыкIум тету унэгуащэм къыщыщIихьам. КI. Т.Джэд Iус корм для домашней птицы/ Джэдкъазым хуагъэхьэзырыр шхын.Фызыжьым джэд Iусыр джэдхэм яхуипхъащ.
Словарь Кабардино-Черкесского языка. 2014.